Адыгэбзэ Хасэ
Описание: "Хьэтlохъущокъуэ Къазий и цlэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэ" жылагъуэ зэгухьэныгъэр къыщыунэхуар 2013 гъэм и накъыгъэ мазэрщ.
Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм, щIэныгъэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм пэрыт лэжьакIуэхэм, еджакIуэхэм я гупыжкIэ зэхыхьа Адыгэбзэ Хасэр зэрыщыIэ илъэсищым и кIуэцIкIэ утыкум лэжьыгъэ зыбжанэ кърилъхьащ.
Абы ящыщщ, псалъэм папщIэ, къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я "Джэгурэш" джэгу зэпеуэр, Адыгэ ныбжьыщIэ театрыр, Адыгэ тхылъеджэм и Хасэр, "Дэр-дэру" зи цIэ усэ пшыхьхэр, "Си анэбзэ, си адыгэбзэ" зыфIища Тхыгъэ Зэпеуэр, нэгъуэщIхэри.
Гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу "Адыгэбзэм и Гупсэхэр" зыфIища ГуфIэгъуэ пшыхьыр кIуэтэху къэс зиубгъуу илъэсищ мэхъури Утыкушхуэрэ цIыхушхуэрэ игъуэту Адыгэбзэ Хасэм ирегъэкIуэкI. Абдеж Адыгэбзэ Хасэм щиIэтри щигъэлъапIэри бзэр мыкIуэдыжу къызэтенэным зи гуащIэ езыхьэлIэ, зи Iэзагъэм щIэщыгъуэ хилъхьэу бзэм цIыкIухэр дезыгъэхьэх егъэджакIуэхэрщ.
Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ Iуэхугъуэхэм къытезыгъэзэжу екIуэкIхэри хэтщ, илъэсым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм ириплъэжу зыхуэныкъуэу къилъыта проектыщIэхэр хэтщ.
Псори зыхуэунэтIар адыгэ щIэблэм и анэдэлъхубзэр IэщIэмыхуу ирипсэлъэнырщ, ар игъэшэрыуэу, и гъащIэм хэту игъэпсэуэлъэнырщ. Абыхэми, иджыри нэгъуэщI куэдми щыгъуазэ фыхуэтщIын ди гугъэу къызэIутха мы напэкlуэцlым фыкIэлъыплъыну дыфщогугъу, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ!